Хэт жыхуа1эр АДЫГЭЛ1? ар жа1эу къоупщам
Уэ жэуап абы ептынур занщ1эу умыщ1ам
Сэ бжес1энущи къеда1уэ уэ зэгъащ1э ар
Нэгъэсауэ АДЫГЭЛ1ЫР арщ зэрыщытар
Псалъэ птырэ бгъэзэщ1эжмэ уэ у АДЫГЭЛ1Щ
Уи ныбжьэгъур бгъэпэжыфмэ уэ у АДЫГЭЛ1Щ
Къимык1уэту бийм пэщ1этыр мис ар АДЫГЭЛ1Щ
Л1ыгъэ пхэлъым уэ у АДЫГЭЛ1Щ
Ижь Ижьыжым пасэрейхэм жа1эу щытыгъащ
Е у ...... ........ пхуэду ягъэсащ
Адыгэл1ым хэкум щхьэк1э и псэр итыфынщ
Ди Адыгэ лъэпкъым и пщ1эр лъагэу и1ыгъынщ
Псалъэ птырэ бгъэзэщ1эжмэ уэ у АДЫГЭЛ1Щ
Уи ныбжьэгъур бгъэпэжыфмэ уэ у АДЫГЭЛ1Щ
Къимык1уэту бийм пэщ1этыр мис ар АДЫГЭЛ1Щ
Л1ыгъэ пхэлъым уэ у АДЫГЭЛ1Щ
Ди Адыгэ хабзэр уэ пхъумэну уи къалэнщ
Ди анэбзэу Адыгэбзэр пщ1эну уи къалэнщ
Жэщым укъагъэушыжрэ хэти къоупщ1ам
Уи жэуапыр уэ хьэзыру хъунут мыр ептам
Псалъэ птырэ бгъэзэщ1эжмэ уэ у АДЫГЭЛ1Щ
Уи ныбжьэгъур бгъэпэжыфмэ уэ у АДЫГЭЛ1Щ
Къимык1уэту бийм пэщ1этыр мис ар АДЫГЭЛ1Щ
Л1ыгъэ пхэлъым уэ у АДЫГЭЛ1Щ