) Уи щхьэцыгъуэ дахэри тlууэрэ зэгуох,
А уи нэ дахитlыми нурыр къыщlех,
Уи нэм сыщlэплъэхукlэ си гур сlэпех,
Уи нэ къуэлэнитlыми сэ сыдихьэхащ.
ежьу
Фlыуэ слъагъуу Дахэжан,
Си нэм хуэдэу Дахэжан,
Си псэм хуэдэу Дахэжан,
Дахэ дыддэу Дахэжан.
2) Сыт си лажьэр Дахэжан? сы щlалэ къуданщ,
Узыхуэмей щlалэхэми щхьэ сэ сахыубжа?
Усхуэмейуэ щытыми, сыт щlыжомыlар?
Лъагъуныгъэр гущlэгъуншэу сыт къыщlэбгъэнар?
3) Фlыуэ узолъагъур жыпlэу щхьэ сыдэпхьэха?
Мафlэр lэкlэ сыбгъэубыду уlукlуэтыжа.
Жыжьэу укъыщыту сэ укъыскlэлъоплъ,
Псы пэгуныр lэкlэ пlыгъуу мафlэм сыбогъэс.
4) А уи нэ дахитlыми вагъуитl къыщlопс,
Си нэм дыгъэр къыщlэмыпсэу уэ сыпщlогупсыс,
Мы си гущlэр псалъэкlэ щхьэ зэпыбупщlа?
Сэ lэзэгъуэ симыжу щхьэ сыкъэбгъэна?
5) Щlалэ дахэ улъыхъуэмэ - дахэр дахэ лъыхъущ,
Щlалэ дэгъуэ улъыхъуэмэ уэ пхуэдэ сыхъунщ,
Щlалэ хъыжьэу уи яужь итхэр пкlэрылъэлъыжынщ,
Е ущыуэу lэ щlыб сыпщlмэ ухущlегъуэжынщ!