Дадэ и уэрэд
1
БлэкIа зэманым зыкъигъэшри
Щай фIыцIэжьу сыхыфIидзэжащ
Дзэ зы-тIу-щыр мащIэу зэрызгъэшхыу
Си куэбжэпэм сыкъыхуэнэжа
Ежьу:
Си дадэ башыр зэщIэзгъэкъуауэ
БлэкIа ди гъащIэр зэIызопщIыкIыж
Си пыIэ къуацэр къескъухауэ
Сигу къызогъэкIыж
2
Си щIалэгъуэр псынщIэ дыдэу блэкIри
НапIэзыпIэм, жьыгъэм сипхъуэтащ
ГъащIэ дахэр щIэхыу сэ исфыкIри
ГъущыгъущIэ къуным сикъутащ
3
Зэзэмызэ гукъыдэж зэзгъуэтми
Си ифчылъым зыри къимыкIыж
ЗиIэтыну мы си гущIэр пэтми
Си лъэр жану сэ схущIэмыкIыж