Ахьмэдыжь
(шуточная песня)
Автор песни Амин Афащиж
Иlэр сиlэм къынэсыри,
Сигу икур игъэсыри,
Джэш-махуищкlэ сыщигъэсри
Итlан «икlыж» къызжиlа.
Припев:
Ахьмэд делэ щыс, щыс,
Мытэджыжу щыс, щыс,
Къагъэпцlаи щыс, щыс,
Тхьэр еуа, уэх, уэх.
Си къэшэныр щысу пlэрэ?
Сигум илъыр ищlэу пlэрэ?
«Сыбдэкlуэнут» жиlуу пlэрэ,
Сытеунэхъуа, уэх, уэх.
Джэш фlыцlагъуэр щытекlыжым,
Дыгъэ бзийр къыщыкъуэкlым,
Сигум илъыр щыжесlэжым,
«Икъун, тэджыж» - къызжиlа.
Припев.
Гугъужь узым сыхэхуа,
Сигъарэм мафlэр къыпыхуа,
Си гуфlакlэм къыдэхуэри
Зысмыцlыхужу сиса.
Припев.