Сыхуозэш уи нэ дахитlым
Вагъуэ пшэгум мазэу хэс
Сыхуозэш уи lэ хужьитlым
Пшынэбзэ щэхухэр зыхуэзыгъэпс.
Уэрщ мазэгъуэ жэщхэм я пшынэбзэр
Уэрщ гурыщlэ lэфlхэмкlэ згъэфlар
Уэрщ зэгуэр гу хэлъхэм я lункlыбзэр
Къызэзытыгъар ...
Сыхуозэш зэгуэр щыlахэм
Набдзапцlэ дахэр си нэгу щlэтщ
Сыхуозэш ди яку дэлъахэм
Насып кlуэжахэм я щауэкъуэт
Уэрщ насып блэкlахэм я пшынэбзэр
Уэрщ гъатхэпэ мазэу схуэгъэгъар
Уэрщ гурыщlэ щэхухэм я lункlыбзэр
Къызэзытыгъар ...
Сыхуозэш уи плъэкlэ гуапэм
Уи нэ дахитlыр си гу къэкlам
Сыхуозэш насыпым япэу
Пlэщхьагъ зэгуэр здэдугуэшам