Уэрэд «Си Аида»
-1-
Нэжэгужэу дыгъэбзийхэр
Жыг къудамэм къызэпхедз.
Набдзэ къурашэм укъысхущ1эплъу
Уи маф1э лыгъэр сэ къызыбодз.
Уи гур хэщ1мэ сыптогумащ1э,
Унэжэгужэм сыбдогуф1эж.
Сэ уэ нэмыщ1к1э плъап1э симы1э,
Си псэм упэсщ1ыу узогъэпэж.
-ежьу-
Узогъэпэжыр си псэр зыхьэхуа,
Зыми пэзмыщ1ыу си гум бгъэдыхьа.
Нэр зэтесп1ак1э си гур схуэмыжей,
Хъуэпсап1эу си1эу, си Аида уей!
-2-
Уи макъ дахэр джэрпэджэжу
Модэ жыжьэу къыщо1уж.
1уащхьэу щы1эм я нэхъ лъагэм
Си гухэлъхэр щхьэдохыж.
Насып лъагъуэм утемык1ыу
Нэху ирехъу уэ уи дунейр.
Си уэрэдми щына1уащэщ -
Нобэ пхузощ1ыр сэ уэ пщ1э лей!
-ежьу -
-3-
Мы си пшынэр згъэувамэ
Птеухуа уэрэд къыреш,
Гъуэгурык1уэу сыпхуэзамэ
Гум зынешэ уэ уи деж.
Гъэхъу уи ф1эщ, сэ си Аида,
Уэрк1э сэ зызмыгъанщ1ыж,
Сэ уэ нэмыщ1к1э плъап1э симы1э,
Си псэм упэсщ1ыу узогъэпэж.
- ежьу-х2-