1элъын ц1ык1ури мыщ1э закъуэщ
закъуэныгъэр сэ къызохьэлъэк1
сэ слъэк1атэмэ си псэ бжес1эурэ
гъащ1эу си1эр уэрк1эрэ згъак1уэнт
ноби мак1уэри ныжэби мак1уэр
си щ1алэгъуэр сф1ок1уэр дауэ сщ1ын
дызэрызыурэ к1уа илъэсхэри
гъащ1эм щыщу сэ къысхуэнэжар
укъызоплъри уоплъыхыжри
уи нэ ф1ыц1эхэмк1э укъызоплъ
уэ узэплъри сэрмырауэ
нэгъуэщ1 гуэру щытмэ сыунэхъуащ
лэрыпс ц1ык1ури зэпощэщри
лъагъуныгъэр нэпсхэр къощэщэх
зэтещащэри пхырисык1ыурэ
сыту ф1ыщэ1еурэ услъагъуат
1элъын ц1ык1ури мыщ1э закъуэщ
закъуэныгъэр сэ къызохьэлъэк1
сэ слъэкатэмэ си псэ бжес1эурэ
гъащ1эу си1эр уэрк1эрэ згъэк1уэнт