Ди щауэм къишауэ, ди гуф1эгъуэр шэщIауэ
Iэгур ину мэлъалъэ уей
Нэчыхьытхыр къэсауэ, нэхъыжьыфIхэр тэджауэ
НасыпитIыр зэпащIэ уей
Ежьу:
ФIэт лъагэу махъсымэр, нэхъыжьхэр мэхъуахъуэ
ЩIалэгъуалэр федаIуэт уей
Псэр щIэгуфIэр, гуфIэгъуэр дизэхуэдэщ
Фыкъеблагъэ ди джэгум уей
Дыгъэр уэгум икIауэ, щIалэ гупыр тэджауэ
Нысэр унэ идошэ уей
Лъапэ махуэ къихьауэ, лъабжьэ быдэ щищIауэ
Тхуэмахуэну сохъуахъуэр уей
Хьэбли жыли доджэгур, зэIухащи ди джэгур
ЗевгъэIэтыт пшынэбзэм уей
Къыдашауэ гуащэшхуэр, феуэт Iэгум жылэшхуэр
Тхьэм къыпищэ махуэшхуэм уей
Нэхъыжьхэр вгъэлъапIэу, лъэпкъ гъэбагъуэ тхуэхъуну
ЩIэблэ дахэр фиIэну уей