Ди Сабихэ Нобэ мыгъуэ
Макъамэ иода1уэ мыгъуэ
Япэрей уэрэд феда1уэ
Ори ори ра
Ди сабихэм нобэ гущэ
Уэрэдыжь евгъащ1э гущэ
Нэхъыф1 гуэрхэр фэ евгъащ1э
Ори ори ра
Припев
———————————————
Си уэрэдыщ1эхэр къызэзнэк1а
———————————————
Пасэрей уэрэдхэм тезгъэзэжа
2 к
Япэрей уэрэдхэм дыщэ
Псалъэм пкъыр къыщ1эту дыщэ
Ди адэжьхэм я пшыналъэр
Ори ори ра
Дэнэ ахэр к1уауэ п1эрэ
Ахэр к1уэдыжауэ п1эрэ
Хабзэр хэлъщ абыхэм
Ори ори ра
3 к
Нобэ си уэрэдым маржэ
Фыкъеда1уэ, да1уэ маржэ
Хэт1э хэсэ фыкъеда1уэ
Ори ори ра
Ди сабихэм нобэ гущэ
Уэрэдыжь евгъажьэ гущэ
Япэрей уэрэд евгъажьэ
Ори ори ра