Жэщ мэзэгъуэр уэгум итурэ,
Уэ си пщIыхьу хэт,зэпытурэ
Нэхур мэщри пщIыхьу уэ усIэщIокI.
Уэ уи нитIым сегупсысурэ,
Щхьэ хуимыту сыхуэусэурэ
Семызэгъу жейм сэ нэху сыкъокI.
Припев:
Лъэгъуныгъэ макъамэр
Си гум уэ пхуиусамэ
СфIощI
НыпхуэпIащIэу ар
КъоIущащэ.
Гум къиIукI псалъэ дахэм
Егъэнэхъур си махуэр
Уэ уи лъыхъуакъуэ ар
НызогъакIуэ.
Ди блэкIахэм сыкIэлъыплъурэ,
Ди зэIущIэм сыныппэплъэурэ
МахуэV щIыгъу махуэр сэ изогъэкI.
СыкъэпщIэну сыщыгугъурэ,
Узмылъагъум псэкIэ сыгъурэ
Гулъытэншэу нобикI уэ укъызблокI.
Припев:
Лъэгъуныгъэ макъамэр
Си гум уэ пхуиусамэ
СфIощI
НыпхуэпIащIэу ар
Къо1ущащэ.
Гум къиIукI псалъэ дахэм
Егъэнэхъур си махуэр
Уэ уи лъыхъуакъуэ ар
НызогъакIуэ.
Уи сурэтыр псэкIэ згъафIэурэ,
КъыщIэнамэ си гум мафIэри
Мы уэрэдыр тыгъэ уэ ныпхузощI.
ПщIыхькIэ уэ сынодэхащIэурэ,
Жэщ мэухри псэм фIэмащIэурэ
Си нэсыпыр уэзырауэ къысфIощI.
Припев:(2 раза)
Лъэгъуныгъэ макъамэр
Си гум уэ пхуиусамэ
СфIощI
Ныпхуэп1ащ1эу ар
Къо1ущащэ.
Гум къиIукI псалъэ дахэм
Егъэнэхъур си махуэр
Уэ уи лъыхъуакъуэ ар
НызогъакIуэ.