Къэнжал и шащхьэри а махуэм мэгъуагъуэ,
Нэбэжэкlэшэри а махуэм мэбыбкъэ.
Дариихум и быдэри а махуэм зи джанэ.
Урыху и банэри а махуэм зи гъуэгу (жи).
Урыху и банэми а махуэм лъагъуэ хезгъэшкъэ.
Пщыр сымыукlыурэ а махуэм пщыукl къысфlащыр.
Пщыр зыукlами а махуэм синэр хуэмысэт,
Синэр хуэмысэ щхьэкlэ а махуэм сиlэр хуэхейкъэ.
Сиlэр хуэхей щхьэкlэ а махуэм сибзэр мыхашэ.
Сымыхэшэн щхьэкlэ хэкур собгынэ.
Си шыпхъу цlыкlуитlым гъуэгуанэ кlыхьым янэр тозашэ,
Си шэрхъ цlыкlуищыр зэшхуэ-зэесщ.
Сыздынэсар си епсыхыпlэщи хэкур собгынэ.
Къэбанхэ якъуэри синыбжьэгъуфlт сэ.
Къэбанхэ пщlантlэми а махуэм сэ сыныдохьэ.
Шы зыщlэмыхьэжыурэ пщlэгъуалэ къазыр къызет.
Къэбан пщlэгъуалэр зэрыпщэзадэ,
Пщым и хьэдэгъуэр тхьэм укъысщешэ.
Сымыхэшэн щхьэкlэ Кърым сокlуэж.
Кърым хьэблэжъти хьэблэшхуэт, хьэблэжът.
Я дыщэ фалъэмкlэ сэ сыкъыщофэ,
Итыр изофыри ифэр нызохь,
Ифэр нэзыхьыр Къэбанхэ фи пщlэгъуэлэжъырщ.
Дыщэ фалъэшхуэр Къэбанхэ сэ нахузохь.