Герменчик
сурэт гъэпсык1эурэ дэхащэ
псынэ къэбзащэхэр зи бащэ
къуажэ хэбзащ1эк1э лъэр зы1этыж
щ1эблэ гуэк1уащэк1э щ1эращ1э
теплъэ дэхащэри зи фащэ
гъатхэ гуэпагъэк1э лъэр зы1этыж
Зы1эти лъэгап1эм щхьэ думычых
Пф1ащащи адэжьхэм уэ Герменчик
Зи уэгуи зи щ1ылъи лъэгащэ
Зи щ!али хъыджэбзи дэхащэ
хуэдэу щыпсэук1эрэ зы унэм
зэкъуэту зда1ыгъыу зы гъунэ
къуршыбгъэ уэфэгум лъэгу илъэта
щэнхабзэ гурылъыр зи хабзэ
Акъыл жэнагък1эрэ гуэк1уащэ
Пщ1эрэ нэмыск1эрэ щхьэр зы1эта
Зы1эти лъэгап1эм щхьэ думычых
Пф1ащащи адэжьхэм уэ Герменчик
Зи уэгуи зи щ1ылъи лъэгащэ
Зи щ!али хъыджэбзи дэхащэ (2раза)