Адыгэ лъэпкъыр хъунти хэхэсу
Нобэр къыздэсым зэрыпсэуар.
Зи хэку исыжхэм ахэр ехъуапсэу
Нэпсхэр щlагъэкlу зэрыусар.
Ежьу:
Кавказ къуршыжьхэр ирагъэбгынэу
Хамэщlым дапщэ щыракъухьа,
Хы фlыцlэ нэпкъхэр я мывэ сыну
Бдзэжьейхэм дапщэ lус яхуэхъуа.
Бий я пэщтыхьу емынэ жьэгум
Зауэ бэлыхьым лъэпкъыр хидзат.
Адыгэ псори хьэдырыхэ гъуэгум
Тыригъувауэ зэгуэр щытат.
Ежьу
Итlани дыгъэр лъэпкъым и дежкlэ
Къухьэкъым — пэжым къыигъэзэжащ.
Гъэнщlами я гур гуlэ нэпс дыджкlэ
Зэрыгъуэтыжу лъэпкъыр хуежьащ.
Ежьу
Адыгэ лъэпкъыр хъунти хэхэсу
Нобэр къыздэсым зэрыпсэуар.